«Зима 2025»

«Псалъэ лъабжьэ. Псалъэ зэлъабжьэгъухэр.», 2 класс

Урок во 2 классе по кабардинскому языку по теме "Корень слова. Однокоренные слова". На уроке проводятся разные формы работы по требованию ФГОС.

Олимпиады: Литературное чтение 1 - 4 классы

Содержимое разработки

АдыгэбзэмкIэ урок зэIуха 2 классым

Темэр: «Псалъэ лъабжьэ. Псалъэ зэлъабжьэгъухэр.»

Мурадыр: Псалъэ лъабжьэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын, ар псалъэхэм къыщагъуэтыфу егъэсэн.

- Псалъэ зэлъабжьэгъухэр къегъэгъуэтын.

- Сабийхэм я бзэм зегъэужьын.

Урокым ехьэлIапхъэхэр:

- Презентацэ.

- ДжэгукIэхэр.

- Тхылъ «Адыгэбзэ» 2 класс, 2013 гъэ, Тау Жантий.

- Рабочэ тетрадь,2015 гъэ, Балэ Людэ.

Урокым и екIуэкIыкIэр:

  1. Урокым и пэублэ.

Ди уэзджынэри къеуащ –

Ди урокми щIидзащ.

Дэ дыкъэкIуащ мыбы деджэну,

Дымыщхьэхыу дылэжьэну.

- ЦIыкIухэ, иджыпсту дэ адыгэбзэ урок диIэнущ. Дэ пытщэнущ ди бзэм и щэхухэр къэтхутэну. Сытым щыгъуи хуэдэу ноби дыкъэхутакIуэнущ.

(Слайд № 2)

- Дахэу дотIысри къабзэрытхэм щIыдодзэ: Ху, гу, ку, …

- АдэкIэ къыпыдощэ Iупэр хъурей зыщIу къапсэлъ хьэрф зэгуэтхэр.

  1. Къабзэрытхэ.

(Слайд № 3)

- Мы хьэрфхэмкIэ къыщIидзэу псалъэ зырыз егъэтхын Сыт? упщIэм жэуап хуэхъуу.(Хугу, гуащэ, куэбжэ, 1уданэ, гъуджэ, хъурмэ, къуаргъ, к1урк1унау, кхъужь) (Зэгъусэу гъэлэжьэн, къегъэджэжын)

-Сыт? упщ1эм жэуап хуэхъу псалъэхэр сыт хуэдэхэра?

(Слайд № 4)

3. Гупк1э гъэлэжьэн: 1 гупым Хэт? упщ1эм жэуап хуэхъу псалъэхэр къыхегъэтхык1ын, 2 гупым — Сыт? упщ1эм жэуап хуэхъу псалъэхэр, 3 гупым — сыт ищ1эрэ упщ1эм жэуап хуэхъу псалъэхэр: мажэ, бадзэ, дадэ. жеящ, пы1э, мэл, мэлыхъуэ, щ1алэ, хадэ, мэлъатэ, хъыджэбз, еджэнущ.

-Къегъэджэжын. Хэт? Сыт? Упщ1эхэм жэуап хуэхъу псалъэхэр сытк1э къащхьэщык1рэ урысыбзэм?

4. ТемэщIэр егъэджын.

(Слайд № 5)

- Къуажэхьыр къэщIэн: «Гъатхэм дегъэгуфIэ, гъэмахуэм дегъэщIыIэтыIэ. Бжьыхьэм дегъашхэ, щIымахуэм дегъэхуабэ». (Жыг)

- Къуажэхьым и мыхьэнэр жегъэIэн..

- «Жыгыр зэрыпсэур и лъабжьэрщ, цIыхур и лэжьыгъэрщ».

- Псалъэжьым и мыхьэнэр жегъэIэн, тетрадым ирегъэтхэн. 

5. Темэм телэжьыхьын.

1) -Сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэхэр «лъабжьэ» жыхуиIэ псалъэм:

*щхьэцым, дзэм, Iэбжьанэм лъабжьэ яIэщ,

*лъабжьэр IуэхуфI гуэрхэм я къыщIэдзапIэщ.

*къэкIыгъэхэм я лъабжьэщ.

(Слайд № 6)

«КъэкIыгъэхэм ещхьу, лъабжьэ псалъэхэми яIэщ».

-Хэт къыгуры1уауэ п1эрэ, ц1ык1ухэ, нобэ дызытелэжьыхьыыну темэр?

-Темэр: «Псалъэ лъабжьэр. Псалъэ зэлъабжьэгъухэр.»

(Слайд № 7)

Нобэ дэ къыщыткIухьынущ лъабжьэм и дунейм.

-Сыт хуэдэ мурадхэр дгъэувыфыну п1эрэ?

(Слайд № 8)

-Мурадыр:

-Зэдгъэщ1энущ:…(лъабжьэр зищ1ысыр)

-Зедгъэсэнущ:..(псалъэ лъабжьэр къыхэдгъэщхьэхук1ыфу)

-Щ1эуэ къэтщ1энущ:.. (псалъэ зэлъабжьэгъухэр къызэрыхъур)

2) –Сыт лъабжьэр зищIысыр?

- Таурыхъым егъэдэIуэн:

Зы губгъуэ гъэщIэгъуэн гуэрым лъабжьэхэр къыщетIысэхащ. Абыхэм гъэщIэгъуэну псынщIэу заужьырт. Лъабжьэхэм къудамэ-псалъэ цIыкIухэр къатехъукIырти фIащащ зэлъабжьэгъу. Ахэр зы адэм ейти иджыри фIащащ зэлъэпкъэгъу. Абыхэм зэдайуэ хэт Iыхьэм абы лъандэрэ лъабжьэкIэ йоджэ. КъызытехъукIа адэм и хьэтыркIэ псалъэ зэлъэпкъэгъухэм лъабжьэм унэ цIыкIу хуащIащ лэгъупыкъум ещхьу.

(Слайд № 9)

- Мы лъабжьэм къытедывгъэхъукIыт псалъэ зэлъабжьэгъу. (Iэ)

(Слайд № 10)

3) Езыр-езыру гъэлэжьэн: гупк1э псалъэ зырыз етын, псалъэ зэлъабжьэгъу къытегъэхъукIын: УНЭ, МЭЗ, НЭ. (я лэжьыгъэхэр доскам к1эрегъэлъхьэн, къегъэджэжын)

(Слайды № 11-13)

(Унэ-унэкъуэщ, унэшхуэ, унэлъэгу, унащхьэ.

Мэз-мэзхъумэ, мэзышхуэ, мэзылъэ, мэзыжь.

Нэ-нэгъуджэ, нэшхуэ, нэрыплъэ, нэщ1ащэ.)

4) Нап. 89 тхылъымкIэ, правилэм дыкъоджэ.

-Сыт зэдайуэ псалъэм хэт Iыхьэм зэреджэр?

-Сыт хуэдэ псалъэ зэлъабжьэгъукIэ зэджэр?

(Слайд № 14)

5) Лэжьыгъэ 166, нап. 88. (условием тету гъэзэщIэн)

- Псалъэхэр зэлъабжьэгъу гупищу зэхэтхыкIын.

- Сыт фэ къыщIэфлъытэр псалъэ гуп къэс хыхьэ псалъэхэр зэлъабжьэгъуу?  

6. Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ.

                   Фэ фезэшауэ къыщIэкIынщ?

                   ИIэт зэуэ фыкъэтэджыт.

                  Лъакъуэ цIыкIухэмкIэ дытопкIэ:1-2-3,          

                   Ди Iэ цIыкIухэмкIэ Iэгу доуэ: 1-2-3.

                   ЗыдогъэкIэрахъуэ, зыкъыдогъэкIэрахъуэжри

                   Ди партэхэм дыдотIысхьэжыр.

                   Ди нэ цIыкIухэр зэтыдопIэ,

                   Тхум нэсыхуи дэ къыдобж: 1-2-3-4-5.

                   Зэтыдохыр, догъэджэгур

                   Ди лэжьыгъэм щIыдодзэжыр.

 7. ТемэщIэр егъэбыдылIэн.

1)- Иджы, цIыкIухэ, псалъэ зэлъабжьэгъухэр псынщIэу къызэрывгъуэтыфым сеплъынщ. Иджыпсту диктант цIыкIу ттхынщ. Сэ псалъэухахэм сыкъыфхуеджэнщ, фэ псалъэ зэлъабжьэгъухэр къэвубыдурэ къыхэфтхыкI:

Шыр псы йофэ. Бгым псынэ цIыкIу къыщIож. ПщIантIэм псыкъуий дэтщ. Динэ псылъэм псы изу ирикIащ. Уэшх нэужьым псыхьэлыгъуэхэр мажэ.

 (Слайды № 15-20)

- Ятхам къегъэджэжын.

- Псалъэхэм я лъабжьэр къэгъэлъэгъуэн.

 (Слайд № 21)

2)- Мы сурэтым псалъэ зэлъабжьэгъухэр къыщыдывгъэгъуэт: (Бдзэжьей, бдзэжьеишхуэ, бдзэжьеящэ.)

3) «Псалъэ лейр» къэгъуэтын.

 (Слайд № 22)

а) Iэ, Iэбжьанэ, Iэдэ, Iэлъэ.

б) Лъэгу, лъэдий, лъэгуажьэ, лъэгущIэуэ.

 (Слайд № 23)

в) Къаз, къазыхъу, къазыц, къазыхъуэ, къазэщ, къазмакъей.

--Доскам щылэжьэху карточкэкIэ гъэлэжьэн:

Карточкэ 1.

-Псалъэхэм я лъабжьэр къэгъэлъэгъуэн:

1) Тхылъ, тхылъылъэ, тхылъышхуэ.

2)Нэ, нэрыплъэ, нэщIащэ.

3) Жэм, жэмэщ, жэмыхъуэ, жэмыш.

Карточкэ 2.

-Псалъэхэм я лъабжьэр къэгъэлъэгъуэн:

  1. Мэз, мэзылъэ, мэзышхуэ.

  2. Пхъэ, пхъэшхуэ, пхъэбгъу.

  3. Унэ, унэкъуэщ, унэшхуэ.

4) ДжэгукIэ «Псалъэхэм я лъабжьэгъухэр къахуэгъуэтыжын»

(Слайды № 24-25)

Нэмыс Шэнтжьей

Шэнт Тхылъылъэ

Тхылъ НэмысыфIэ

Жэм Iэщыхъуэ

Iэщ Джэдэщ

Джэд Жэмыш

5) Ребусхэр къегъэщIэн.(джэдык1э)

- ДжэдыкIэ псалъэм и лъабжьэгъухэр къэгъуэтыжын, ахэр хэту хъыбар цIыкIу зэхегъэлъхьэн.

(Слайд № 26)

Гъатхэм ди джэдым джэдыкIэ куэд къикIэцIащ. Мамэ джэдкъуртыр джэдэщым щигъэгъуэлъхьэжащ. Абы джэджьей цIыкIу куэду къришащ. Сэ ахэр согъашхэ.

-Псалъэ зэлъабжьэгъухэр егъэтхын, лъабжьэхэр къыхэгъэщхьэхук1ын: Джэд, джэдыкIэ, джэдкъурт, джэдэщ, джэджьей.

6. Рабочэ тетрадымкIэ гъэлэжьэн.

- Нап. 115-115-м ит лэжь. 2-4-хэр условием тету гъэзэщIэн.

8. Урокыр къызэщIэкъуэжын.

- Сыт нобэ щIэуэ къэтщIар? Сыт дызытепсэлъыхьар?

- Сыт лъабжьэр зищIысыр?

- Сыт хуэдэ псалъэ зэлъабжьэгъукIэ зэджэр?

- Псалъэ зэлъабжьэгъухэр къэдгъуэтыфу десауэ пIэрэ? ИIэт дыджэгуурэ къэдывгъащIэт. (Топыр яхуэдзурэ псалъэ жепIэм и лъабжьэгъу къегъэхьын: (Жэм-жэмыш, мэл-мэлыхъуэ, джэд-джэдэщ, шыгъу-шыгъулъэ, мэз-мэзхъумэ, тхылъ-тхылъылъэ, унэ-унащхьэ, щ1алэ-щ1алэф1,усэ-усак1уэ, къаз-къазыц).

(Слайд № 27)

9. Унэ лэжьыгъэр етын: Псалъэхэм псалъэ зэлъабжьэгъу къытегъэхъукIын: ЖЭМ, ШЫ, МЭЛ.



- ЦIыкIухэ, хэт нобэ ди урокыр игу ирихьами, зыгуэр щIэуэ къищIами фи смалик цIыкIухэмкIэ къэвгъэлъагъуэт!

(Слайд № 28)

Получите свидетельство о публикации сразу после загрузки работы



Получите бесплатно свидетельство о публикации сразу после добавления разработки


Серия олимпиад «Зима 2025»



Комплекты учителю



Качественные видеоуроки, тесты и практикумы для вашей удобной работы

Подробнее

Вебинары для учителей



Бесплатное участие и возможность получить свидетельство об участии в вебинаре.


Подробнее